Текст песни «Адыгэ пщащэ». Рустам Жириков

Альбом: Сингл • 2020 год
Исполнитель: Рустам Жириков

Жэщыми махуэми сыногупсысурэ
Мак1уэ си махуэхэр си зэмэныгъуэри мак1уэ,
1эф1 пымыльыжурэ зэманыр згъак1урэ
Уэ сынып1упльэмэ сигу тхьэмыщк1эр МЭФ1АК1УЭ!

Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ пщащэ уей,
Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ и уей.

Ухэзмыхынут уэ сипсэм ухэльыми
Пхуэзгъэфэщэну си гъащ1эм и 1ихьэ нэхъыф1ыр,
Махуэк1э уи тепльэр си нэгум щ1эльыми,
Нэху схуэмыгъэщурэ хуэму мэк1уатэ жэщ к1ыф1ыр.

Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ пщащэ уей,
Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ и уей.

Сы къэрууншэщи сы 1эмэлыншэщи,
Си льагъуныгъэм егъачэ щымысхьу си гущхьэр,
Сыхьэтыр махуэщи, махуэр зы гъащ1эщи,
Зэ сльагъужынтэкъэ жыс1эу согъэхъу уэрэмыщхьэр.

Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ пщащэ уей,
Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ и уей.

Дыгъэ къухьэгъуэм и нэхур зэпхидзурэ,
Сегъэнэщхъери хъуэпсап1эр уэфэгум иредзэ
Уи фащэ к1апэр удзыпц1эм зэридзэурэ,
Богъэщ1эращ1э ущык1уэк1э ди уэрам ехыр.

Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ пщащэ уей,
Адыгэ пщащэ уей, Адыгэ и уей.

Другие песни этого исполнителя

Адыгэ лъэпкъ
Уэ уи нитl
За окном идут дожди