Текст песни «Уэ уи нитl». Рустам Жириков

Альбом: Сингл • 2020 год
Исполнитель: Рустам Жириков

Гум илъ lэфlым мы си гугъэр къегъэуш,
Дыгъэ бзийхэм лъагъуныгъэр къыдоуш.
Нащхьэ пщlыуэ укъызэплъмэ, дахэкlей,
Схуэмыубыду мы си гущlэр мэпlейтей.

А Уи нитlыр схуэмышэч,
Сэ бэлыхьыр сагъэшэч.
Уи нэ плъэгъуэр къызоубыд,
Сэ къыздэкlуэ,тхьэlухуд.

Егъэдахэ Уи щытыкlэм си дунейр,
Сэ сыхуейщ уэ ухэтыну си пщэдейм.
Уэ Уи lэплlэм сыхуэзэшу изохьэкl,
Хъуну щытмэ,дахэ дыдэ,къызэплъэкl.

А Уи нитlыр схуэмышэч,
Сэ бэлыхьыр сагъэшэч.
Уи нэ плъэгъуэр къызоубыд,
Сэ къыздэкlуэ,тхьэlухуд.

Си пщlыхьэпlэм уэ къыхыхьэ дахакlей
Лъагъуныгъэкlэ гъэнщlау гухэлъхэр зей
Дыгъэр къухьэмэ уэ мазэу укъыкъокl
Псэм и lыхьэ услъагъуну сигу укъокl

А Уи нитlыр схуэмышэч,
Сэ бэлыхьыр сагъэшэч.
Уи нэ плъэгъуэр къызоубыд,
Сэ къыздэкlуэ,тхьэlухуд.